ПэщIэдзэ классхэм адыгэ бзэщIэныгъэм теухуауэ къыщыпщIахэм дызэгъусэу мы классым щыпытщэнущ. Адыгэм и сыт хуэдэ IуэхуфIри хъуэхъукIэ еублэ, фIым щогугъ, хуопабгъэ. Дэри дыпхуохъуахъуэ уэ зэбгъэгъуэтыну щIэныгъэм уи щхьэми, лъэпкъми фIы къыфхудэкIуэну! Бзэ, хабзэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхурщ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIуфынур, дуней утыку ихьэфынур.

Уи цIэр фIыкIэ жыжьэ Iуну дыпщогугъ, ди ныбжьэгъу цIыкIу!

Тхылъыр зэхэзылъхьахэм къабгъэдэкIыу.